Муниципальное казённое общеобразовательное учреждение
«Средняя общеобразовательная школа» с.п. Шордаково
Зольского муниципального района КБР
Литературнэ пшыхь
Темэр: «Лъэпкъым и вагъуэ»
(Адыгэ литературэм и классик Щоджэнц1ык1у Алий къыщалъхуа махуэм ирихьэл1эу)
Мурадхэр:
Щоджэнц1ык1у Алий и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ еджак1уэхэр щыгъуазэ щ1ын, усак1уэм хуа1э лъагъуныгъэр нэхъри егъэф1эк1уэн;
щалъхуа хэкур ф1ыуэ ялъагъуу, абы иригушхуэу, ар ягъэдахэу щытыным еджак1уэхэр къыхуеджэн;
литературэм дегъэхьэхын, гъэхуауэ усэм къеджэфу егъэсэн;
еджак1уэхэм я анэдэлъхубзэм хуа1э лъагъуныгъэр нэхъ куу щ1ын, я бзэм зегъэужьын.
Къэгъэсэбэпыпхъэхэр:
Щоджэнц1ык1у Алий и сурэт,
Щоджэнц1ык1у Алий и тхылъхэм я выставкэ,
еджак1уэхэм я 1эрыщ1 сурэтхэр, газетхэр,
слайд презентацэ.
Зэрек1уэк1ынур:
Езыгъэк1уэк1ым 1:
Уи уэрэд 1ущу псэм ф1эщ1эщыгъуэр
Къыщо1ур лъахэм – зэпымыуж.
Ухъуащ, Алий, уэ лъэпкъым и вагъуэ, -
Лъэпкъым и вагъуэр зэи имыж.
(Тхьэгъэзэт Зубер «Щоджэнц1ык1у Алий»)
Фи махуэ ф1ыуэ! Фыкъыдогъэблагъэ «Лъэпкъым и вагъуэ» зыф1этща литературнэ пшыхьым!
Ар теухуащ адыгэбзэм и бзэ дахэр ц1ыхум деж нэзыгъэсыфа, лъагъуныгъэу лъэпкъым хуи1эр бзэк1э ек1уу зытхыфа ди усак1уэшхуэ Щоджэнц1ык1у Алий.
Езыгъэк1уэк1ым 2:
Алий... А ц1эр щыжып1эк1э уи нэгум къыщ1оувэ ар къызыхэк1а адыгэ
лъэпкъ уардэр.
Алий... А ц1эм пыщ1ащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуршыпс уэрхэр, и къурш уардэхэм я ц1эхэр.
Алий... Ар зи ц1эри зи щхьэри нэхуу щыта ц1ыху телъыджэщ.
Езыгъэк1уэк1ым 1:
Алий адыгэхэр дызэрыпагэ усак1уэщ, ди щхьэр лъагэу дэзыгъэлъагъужщ. Япэу еджап1эм к1уэ сабий ц1ык1ум деж къыщыщ1эдзауэ жьык1эфэк1эм нэсыху, хэт зымыц1ыхур Щоджэнц1ык1у Алий?!
Апхуэдэ гъуэтыгъуаф1экъым.
Езыгъэк1уэк1ым 2:
Гъащ1э к1эщ1т а ц1ыху гъуэзэджэр. Ар зэрыпсэуар илъэс 41-рэщ, къалэмыр зэригъэбзар илъэс т1ощ1 къудейщ. Ар икъук1э зэман мащ1эщ усак1уэм дежк1э. Апхуэдэу щыт пэтми, а зэман мащ1эм къриубыдэу Алий и къалэмыпэм къыщ1эк1ащ тхыгъэ хьэлэмэтхэр. Усак1уэ нэсым и гъащ1эр мащ1эми, ар щытынша лъэхъэнэ къэхъуакъым. Гугъут абы ик1уа гъуэгуанэр.
Езыгъэк1уэк1ым 1:
Щоджэнц1ык1у Алий 1эсхьэд и къуэр 1900 гъэм Кушмэзыкъуей къуажэм къыщалъхуащ. Еджэным, щ1эныгъэм зи нэ къызыхуик1 щ1алэр йохъуапсэ тхылъхэр зи блэгущ1э щ1элъу еджап1эм к1уэ ц1ык1ухэм. Алий и хъуэпсап1эр къехъул1ащ. И адэшхуэ Пщыкъан телъхьэ зыхуэхъуа щ1алэ ц1ык1ур 1908 гъэм еджап1эм щ1от1ысхьэ. Ехъулъэныгъэф1хэр и1эу къуажэ еджап1эр къиуха нэужь, Алий щ1от1ысхьэ Бахъсэн къыщызэ1уаха муслъымэн еджап1эм. А еджап1эм щригъэджэну кърагъэблагъэ щ1эныгъэ куу зыбгъэдэлъ Цагъуэ Нурий. Иужьк1э Алий щоджэ «Цагъуэм и университет» зыф1аща еджап1эм.
Езыгъэк1уэк1ым 2:
Еджэным гупыж хуэзыщ1а, зи щ1эныгъэр хэзыгъэхъуэну мурад зыщ1а щ1алэр Цагъуэ Нурий и чэнджэщк1э Дагъыстэным мак1уэ. Ар щоджэ Темырхъан – Шурэ къалэм (иджы Буйнакск) щы1э егъэджак1уэ курсым. Ф1ы дыдэу зэреджэм къыхэк1ыу 1916 гъэм Алий Кърымым ягъак1уэ, Бахъчи - Сэрай къалэм дэт И. Гаспринскэм (кърым – тэтэр щ1эныгъэл1) и ц1эр зезыхьэ педагогическэ училищэм и щ1эныгъэм щыхигъэхъуэну.
Езыгъэк1уэк1ым 1:
Нэхъыф1у еджэ еджак1уэ пщык1узым яхэту Щоджэнц1ык1у Алий ягъак1уэ Тыркум, адэк1э и щ1эныгъэм хигъэхъуэн мурадк1э. Гуапэу къы1ущ1эркъым адыгэ щ1алэм Тыркур. Хамэ щ1ып1эм гугъуехь куэдым щы1уоуэ. Ауэ сыт хуэдиз гугъуехьрэ тхьэмыщк1агъэрэ темылъами, ар Истамбылым щоджэ. Абы тыркубзэр едж, французыбзэм щыгъуазэ зещ1, хьэрыпыбзэр зрегъащ1э, усэ тхыным гупыж хуещ1ри и къарур егъэунэху.
Езыгъэк1уэк1ым 2:
Щоджэнц1ык1у Алий тхэн щ1идзащ Тыркум щыщы1а лъэхъэнэм. А зэманым абы итхахэм щыщу ди деж къэсащ «Нанэ» усэр. Ц1ыхум дежк1э щалъхуа хэкумрэ къэзылъхуа и анэмрэ нэхъ лъап1э сыт щы1э? Анэ, хэку. А т1ур зы гуры1уэгъуэу зэрыщытым щыгъуазэ дыхуещ1 Алий и усэм.
«Нанэ» усэм къоджэ.
Езыгъэк1уэк1ым 2:
Еджап1эр къиуха нэужь, 1919 гъэм Алий Къэбэрдейм къегъэзэж, и хэкум хузэф1эк1 псори хуищ1эну и мураду. Япэ махуэхэм къыщыщ1эдзауэ гъащ1эщ1э ухуэным хуэлажьэу щ1едзэ. Куэд щ1ауэ зыщ1эхъуэпс егъэджак1уэ лэжьыгъэм пэроувэ. Щоджэнц1ык1ур илъэс 13-м нэблагъэк1э а 1эщ1агъэм ирилэжьащ, ауэ литературнэ лэжьыгъэр зэи 1эщ1ыб ищ1акъым.
Езыгъэк1уэк1ым 1:
Лъэпкъ сабийхэм щ1эныгъэ куу, хьэл – щэн дахэ зэрахилъхьэным махуэ къэс яужь итщ Щоджэнц1ык1ур. Абы къыхэк1агъэнщ усак1уэм усэ куэд сабийхэм триухуэныр. Усак1уэм и сабий усэхэм щыщу дедэ1уэнщ «К1ущэ нагъуэ», «Хьэсанш еджак1уэ» усэхэм.
Езыгъэк1уэк1ым 2:
Алий и сыт хуэдэ тхыгъэри уи гум къохуэбыл1э, уи псэм къодэхащ1э. Псом хуэмыдэу удахьэх Щоджэнц1ык1ум и пейзажнэ лирикэм. Дунейр, абы и щытык1эхэр къыщыгъэлъэгъуа усэ хьэлэмэтхэщ «Гъатхэ», «Май», «Бжьыхьэ», «Щ1ымахуэ», «Налшык» жыхуи1эхэр, нэгъуэщ1хэри. Мы усэхэм 1эзагъ нэс хэлъу къыщыгъэлъэгъуащ хэкум и дахагъэр, и теплъэ хьэлэмэтыр. Апхуэдэ дахагъ зыбгъэдэлъ адэжь щ1ыналъэр нэхъри нэхъыф1ыжу дегъэлъагъу усак1уэм. (Зи гугъу тщ1а усэхэм щыщ къегъэджэн)
Езыгъэк1уэк1ым 1:
Нэгъуэщ1 лъэпкъ литературэм и ехъул1эныгъэхэм ф1ыуэ щыгъуазэ Щоджэнц1ык1ум къыгуро1уэ лъэпкъ литературэр прозэм зэрыхуэныкъуэр, зэригъэпэщын зэрыхуейр. Апхуэдэ зэхэщ1ык1 пэжым зэрытетар арагъэнущ 20-нэ гъэхэм и к1эм абы и рассказ ц1эры1уэ «Хьэжыгъэ пут закъуэр» щ1итхар. А тхыгъэр щ1итхам тепсэлъыхьыжу усак1уэм мыпхуэдэу жи1эгъащ: «Си унагъуэ мэжэщ1ал1эм си сабиигъуэм шхын зэрыхуэсхьа 1уэху щ1эпхъаджэр сигу къэк1ыжри абы ипкъ итк1э сэ стхащ япэ си рассказ «Хьэжыгъэ пут закъуэр».
(Рассказым щыщ пычыгъуэ къоджэ)
Езыгъэк1уэк1ым 2:
И усэ купщ1аф1эхэмрэ и рассказ хьэлэмэтхэмрэ къыдэк1уэу Щоджэнц1ык1у Алий и къалэмыпэм къыщ1эк1ащ поэмэ хьэлэмэтхэр. Апхуэдэщ «Хамэ щ1ып1эм», «Мадинэ», «Щ1ымахуэ жэщ», «Тембот и дыгъуасэхэр», «Партизан Жамбот», «Ныбжьыщ1э хахуэ», «Къызбрун» жыхуи1эхэр. Лъэпкъ усыгъэм и тхыгъэ нэхъыф, нэхъ ц1эры1уэ хъуахэм ящыщщ «Мадинэ» поэмэр.
(Поэмэм щыщ теплъэгъуэ къагъэлъагъуэ)
Езыгъэк1уэк1ым 1:
Алий и гупсысэм и кууагъыр, и художественнэ 1эзагъыр, талант абрагъуэ зэрыбгъэдэлъыр, лъэпкъ тхыдэм, ц1ыху гъащ1эм нэсу зэрыщыгъуазэр къыщигъэлъэгъуащ абы и роман «Къамботрэ Лацэрэ». Пэжагъ, кууагъ нэс игъуэтар арагъэнущ ар лъэпкъ усыгъэм и япэ роману, адыгэ гъащ1эм и энциклопедиеу, лъэпкъ культурэм и хэлъхьэныгъэ нэхъ ин дыдэу ар щ1агъэувыр.
(Романым и хэзыгъэгъуазэм къоджэ)
«Священная война» уэрэдыр къоуэ.
Езыгъэк1уэк1ым 2:
1941 гъэ. Зыри зыпэмыплъа Хэку зауэ иныр къэхъеящ. Шоджэнц1ык1у Алий и пшыналъэм нэхъри зеужь. Абы етх усэ зыбжанэ, Хэкур хъумэжыным ц1ыхухэр къыхуриджэу. Абыхэм ящыщ зыщ «Все беритесь за оружие» жыхуи1эр. (Усэм къоджэ)
Езыгъэк1уэк1ым 1:
1941 гъэм сентябрь и 3-м Щоджэнц1ык1ур зауэм мак1уэ, Хэкум и щхьэхуитыныгъэр ихъумэну.
««Лозовая» станцым дыкъэсащ. Дыздашэну лъэныкъуэр тщ1эркъым. Ди 1уэху зытет псор зэк1э ныфхуэстхыфынукъым, ауэ сэр щхьэк1э фымыгузавэ. Фыкъытпэплъэ, куэд мыщ1эу тек1уэныгъэк1э нэдгъэзэжынущ. Алий». Мыр Алий и иужьрей тхыгъэщ.
Езыгъэк1уэк1ым 2:
Ноябрым и 29-м 1941 гъэм Бобруйск къалэм дэта концлагерым къэбэрдей усак1уэ гъуэзэджэр игъуэ нэмысу йок1уадэ.
Езыгъэк1уэк1ым 1:
Щоджэнц1ык1у Алий и тхыгъэхэм л1эныгъэ зэрамы1эр, усак1уэр нобэ зэрыпсэур, зэрылажьэр, зэрыгъусэ пэжыр куууэ къыщыгъэлъэгъуэжащ
ди усак1уэ ц1эры1уэхэм я тхыгъэхэм. Абыхэм ящыщ зыщ К1ыщокъуэ Алим и усэ «Усэ къарук1э бийр бгъэсу» жыхуи1эр. (Усэм къоджэ)
Езыгъэк1уэк1ым 2:
Щоджэнц1ык1у Алий и ц1эр зезыхьэ уэрам. Щоджэнц1ык1у Алий и ц1эр зезыхьэ еджап1э. Щоджэнц1ык1у Алий и ц1эр зезыхьэ театр. Щоджэнц1ык1у Алий и музей. Щоджэнц1ык1у Алий и медаль. Хьэуэ, ящ1ыгъупщэнкъым адыгэ лъэпкъым Щоджэнц1ык1у Алий.
Езыгъэк1уэк1ым 1:
Пшэ чэтхъахэр сыт зезыхуэр?
Жьым ар къуршым хутемыху,
Уи уэрэду къуэм дэмыхуэр
Къытхуэнащи тхуэмыух.
Уи зэ уэгъуэм бийр къибуду-
Арщ уэ гъащ1эу къэбгъэщ1ар.
1уащхьэмахуи къыгуауду
Уи сурэти арщ щ1ащ1ар.
(К1ыщокъуэ Алим «Щоджэнц1ык1у Алий и сурэт»)
Езыгъэк1уэк1ым 2:
Лъэпкъым и вагъуэ Щоджэнц1ык1у Алий и тхыгъэ телъыджэхэрщ къэбэрдей литературэм дамэ хуэхъуар. Щоджэнц1ык1ум и тхыгъэ налкъутхэм я жьы къабзэм, я бзий нэхум ноби добжьыф1э, догъагъэ ди литетатурэр. Щоджэнц1ык1у Алий и тхыгъэ хьэлэмэтхэр псэунщ и анэдэлъхубзэк1э псалъэу зы адыгэ дунейм тетыху.